Перевод: со всех языков на все языки

со всех языков на все языки

Псы щIэкIын

  • 1 щIэкIын

    (щIокI) неперех. гл. 1. выйти откуда-л.
    / Псэуалъэ гуэрым и кIуэцIыр е зыгуэрым и щIагъыр, лъабжьэр къэбгынэн.
    Пэшым щIэкIын.
    2. переносное прочитать что-л. от начала до конца
    / Зыгуэр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс джын, щIэджыкIын.
    Тхылъым етIуанэу щIэкIын.
    / Джэдкъуртым щIалъхьа джэдыкIэр шкIумпI хъун, джэджьей иримыщIэу къэнэн.
    4. переносное проходить, пропускаться через что-л.
    / Щхьэл, шыбзэ, шэщIэху машинэ сыт хуэдэхэмкIэ зыгуэрхэр хьэжа, щIэхуа, гъэкъэбза с. ху. хъун.
    Iэрыгъадэ машинэм фэ Iув щIэкIыркъым.
    Гур щIэкIын см. гу II.
    Къарур щIэкIын см. къару.
    Лъы щIэкIын см. лъы.
    Нэгу щIэкIын см. нэгу.
    Псы щIэкIын см. псы.
    ЩIымахуэ щIэкIын см. щIымахуэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIэкIын

  • 2 псы

    I 1. вода
    / Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэ.
    * Шыгъу зышхар псы йофэж. (погов.) Псыр псэ пылъхьэжщ. (погов.)
    2. река
    / Псыежэх.
    * Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кIэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкIэ хъунут. Т. Хь. Псы икIыгъуэм унэмысу уи кIэр думыхьей. (погов.)
    Псибл икIын кануть в вечность (букв. оно уже за семью реками). Псы гъэва кипяченная вода.
    * Пщэдджыжьым ХьэтIутIэ псы гъэвакIэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лIыщIапIэм къэкIуащ. Ж. Б.
    Псы игъэжыхьыжын разорить дотла подчистую что-л.
    * ЖьакIэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриIащ Уэзырмэс нартхэм. Нарт.
    Псы мэхын = псы хуэлIэн.
    Псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын в мутной воде ловить рыбу.
    Псы хыхьэн пропитаться водой.
    * ЦейлъэщIым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкIэ нэхъ уэндэгъу хъуащ. Япэу лъ. з.
    Псы хуэлIэн испытывать жажду.
    * Ажэр псы хуэлIэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ. Япэу лъ. з.
    Псы щIэгъэуэн затопить.
    Псы щIэуауэ къэнэн остаться ни с чем, разориться.
    Псым итхьэлэн утонуть.
    * Бдзэжьей цIыкIу псышхуэ итхьэлэрэ? (погов.) Инжыдж узэпрыкI хъуну псытэкъым - шыбэри Iэщ хъушэри итхьэлащ. Нарт.
    Псым иубыдын = псы хуэлIэн.
    * Пхъэри ислъхьауэ, тIэкIуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкIэ сежьащ. Е. К.
    Псым тхъу техын переливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло).
    Псым хуэдэу къэфэн танцевать плавно (букв. танцевать как вода).
    Псым хуэдэу уаулъагъу! Чтоб тебя ( люди) стали ценить так же, как и воду!
    Псым щIилъэфэн пойти ко дну, утонуть.
    Псыр щIэкIын высыхать.
    псы бабыщ серая утка
    / Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ.
    Псы бабыщым и лыр IэфIщ.
    псы бзу оляпка, водяной воробей
    / Зи дамэхэр кIэщI, бзу гъуабжэ кIагуэ лъакъуэ кIыхь цIыкIу.
    Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Iуфэ пабжьэ зэгъуэкIхэрщ.
    / ЩIыIубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щIэж псыхэм щопсэу.
    псы дэгъэуэхыпIэ место пуска воды по определённым руслам
    / Псыр зыхуей кIэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щIапIэ.
    * Псы дэгъэуэхыпIэ щIын.
    псы джэд лысуха ( птица)
    / Шэдыр зи псэупIэ джэд лъэпкъ.
    Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым.
    псы дзыгъуэ водяная полевка ( водяная крыса)
    / Псым щыпсэу дзыгъуэ.
    Псы дзыгъуэм пыт кIэ кIэщIыр щескIэ къегъэсэбэп.
    псы ефапIэ водопой
    / Iэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яIэ щIыпIэ хэха.
    Шыхэр псы ефапIэм хун.
    псы жапIэ см. псы бэкъу.
    * Псы жапIэу дэ тхуащIахэм Тэрч IурыщIэу тетщи къожэр. П. Б.
    псы зешапIэ водопровод
    / Псыр бжьамийхэмкIэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ.
    Къуажэхэм псы зешапIэхэр щащIащ.
    псы ина лужа
    / Уэшх нэужьым, уэсыр щыткIукIэ е псы къытеуа нэужь кумблIэмбхэм къинэ псы.
    Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ.
    псы куу глубоководный
    / Зи гущIыIумрэ зи лъащIэмрэ зэпэIэщIэ псы.
    Псы куухэм кхъухь щызокIуэ.
    / Псыежэх цIыкIу.
    псы кIэнтхъ незначительный остаток воды ( после запруды или пересыхания)
    / Псы кIэкъинэ.
    Псы кIэнтхъ икIутын.
    псы къиуа разлив, половодье
    / Уэсымрэ мылымрэ куэду ткIууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ.
    Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн.
    псы къыпыжыпIэ водосток
    / Псыр къыщыпыж, къызыпыж.
    Псы къыпыжыпIэр пыщтыкIат.
    * Псы къыпыжыпIэм пэгун щIэгъэувэн.
    псы къыхэжыпIэ исток реки
    / Псыежэхым и къежьапIэ.
    псы къуэкIий см. псыбэкъу.
    * Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкIийм долъадэ. Щ. Ам.
    псы нэпкъ обрывистый крутой берег
    / Псы Iуфэ задэ.
    псы ныджэ пойма реки
    / Псы къыщиуам деж щIигъанэ щIыналъэр.
    * Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ... Къэб. п. и ант.
    псы уэрыпIэ стремнина ( в реке)
    / Псыежэхыр нэхъ щыуэр щIыпIэ.
    Псы уэрыпIэм щынэсым шур шым кърихьэхащ.
    псы хэлъэдапIэ устье реки
    / Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщI псыежэхым щыхэхуэж щIыпIэ.
    псы хэхуапIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хэхуэжыпIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник
    / Уз гуэрхэм зэреIэзэ псы.
    Ди республикэр псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ.
    псы хьэлывэ вареник
    / Кхъуейлъалъэ, кIэртIоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цIыкIу.
    Псы хьэлывэ щIын.
    псы хъумапIэ водохранилище
    / Псы щахъумэн папщIэ ящIа гуэл IэрыщI.
    / КIэпIащIэ зиIэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ.
    псы щхьэл водяная мельница
    / Псым игъэхьэжэ щхьэл.
    / Псым и лъащIэ.
    Псыр къабзэти псы щIагъым щIэлъ псори плъагъурт.
    псы щIагъ кхъухь подводная лодка
    / Псы щIагъым щызекIуэ кхъухь.
    Псы щIагъ кхъухьым къулыкъу щыщIэн.
    псы IэфI газированная вода с сиропом
    / Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс IэфI зыхэкIа псы.
    Псы IэфI ефэн.
    псы Iуб глоток воды
    / Псы ткIуэпс, гъаткIуэ, псы еIубыгъуэ.
    * Пхъэру къажэм псы Iуб ягъуэткъым. фольк. Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Iуби сIухуакъым. Нарт.
    псы Iуфэ берег реки
    / Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитI псым хуэгъэзар.
    * КIукIуэ нэпкъым ехри псы Iуфэм Iулъ мывэ гуэрым тетIысхьащ. Iуащхь. Псы Iуфэм Iусым икIыпIэр ещIэ. (погов.)
    Псы Iуфэ мылу зыIуегъэхын убраться, уйти с глаз долой.
    Псы Iуфэ мылу IугъэсыкIын заставить кого-л. уйти, убраться.
    * Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтIысамэ, псы Iуфэ мылу IуигъэсыкIырт. Къэб. таур.
    псы Iуфэ бзу трясогузка ( птица)
    / Псыхъуэм дэсырей бзу кIэ кIыхь цIыкIу; мывэкIэпыс.
    II 1. шнурок
    2. ручка чего-л.
    / Сумкэ, портфель с. ху. яIэ убыдыпIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > псы

  • 3 удалиться


    II, сов.
    1. пыIукIын, пыIукIуэтын; удалиться от берега псы Iуфэм пыIукIуэтын
    2. щIэкIын; удалиться из комнаты пэшым щIэкIын

    Школьный русско-кабардинский словарь > удалиться

  • 4 щIымахуэ

    зима
    / Гъэм и IыхьиплIым щыщу бжьыхьэмрэ гъатхэмрэ яку дэт нэхъ щищIыIэгъуэ дыдэр.
    * ГущIэгъуншэу а щIымахуэм Хъуа и хэкIыр игъэщтаи, Модэ феплъыт, псы ежэххэм Мыл лъэмыжхэр ятрилъхьай! Щ. А.
    ЩIымахуэ ихын перезимовать.
    ЩIымахуэ мэракIуэ ни уму ни сердцу.
    ЩIымахуэ ткIий суровая зима.
    ЩIымахуэ уае (ткIыбжь) суровая зима.
    ЩIымахуэ упщIэ пыIэ ни к селу ни к городу.
    ЩIымахуэ шылэ сорокадневный период наибольшей зимней стужи.
    ЩIымахуэ щIэкIын перезимовать. ХэкIуэдыкIыншэу Iэщхэр щIымахуэ щIэкIащ.
    ЩIымахуэ щIэгъэкIын сохранить в зимних условиях {скот}.
    ЩIымахуэ щIэшын-щIымахуэ щIэгъэкIын. ШкIэхэр хэкIуэдыкIыншэу щIымахуэм щIэшын.
    ЩIымахуэрэ дзэрэ зима - что вражье войско.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIымахуэ

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»